Презентация, доклад по кабардинской литературе Адыгэ уафэ. Вагъуэхэр зыдогъэц1ыху

Содержание

Си вагъуэ цIыкIухэр къэрабэ гъуэжьщи Дуней мыцIыхум и шэжыгъэкIэщ… Лыкъуэжь Нелли

Слайд 1Адыгэ уафэ. Вагъуэхэр зыдогъэц1ыху.
Зыгъэхьэзырар:
ГКОУ «ШИ» езанэм и
е 8-нэ классым

щеджэ
Сижажэ Мансур
Егъэджак1уэр :
Тэтэр Ф.Д.
Адыгэ уафэ. Вагъуэхэр зыдогъэц1ыху. Зыгъэхьэзырар: ГКОУ «ШИ» езанэм ие 8-нэ классым щеджэСижажэ МансурЕгъэджак1уэр :Тэтэр Ф.Д.

Слайд 2Си вагъуэ цIыкIухэр къэрабэ гъуэжьщи
Дуней мыцIыхум и шэжыгъэкIэщ…
Лыкъуэжь Нелли


Си вагъуэ цIыкIухэр къэрабэ гъуэжьщи Дуней мыцIыхум и шэжыгъэкIэщ… Лыкъуэжь Нелли

Слайд 3Адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIырт вагъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, шу гъуазэу щытыф цIыхухэм, икIи

гъуазэпщIэ Iыхьэ хухахыу щытащ зекIуэ ежьамэ. Илъэс 480-рэ ипэкIэ Мысырым пащтыхьыгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ» жыхуиIэ уэрэдыжьым хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр:
Уэр, дзэшхуэр зезышэрэм
Уэр, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази.
Шу гъуазэу диIэхэм
ГъуазэпщIэ Iыхьэхэр хухахи, рэе.
Адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIырт вагъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI, шу гъуазэу щытыф цIыхухэм, икIи гъуазэпщIэ Iыхьэ хухахыу щытащ зекIуэ ежьамэ.

Слайд 4Адыгэ кхъуафэхэм (кхъухь) жьыху зэпэплIимэ ящхьэщытыным вагъуэ пщыкIутI тету щытауэ ятхыж

алыдж щIэныгъэлIхэм.
Апхуэдэу жыIэпхъэщ адыгэ лIакъуэхэм я бжыгъэр къигъэлъагъуэу, ди лъэпкъ ныпым вагъуэ пщыкIутI зэрытетри.
Адыгэ кхъуафэхэм (кхъухь) жьыху зэпэплIимэ ящхьэщытыным вагъуэ пщыкIутI тету щытауэ ятхыж алыдж щIэныгъэлIхэм.Апхуэдэу жыIэпхъэщ адыгэ лIакъуэхэм я

Слайд 5Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын I2-м щыщу «созвездие

Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ уи гугъэ хъунущ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщIиубыдэу, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а фIэщыгъэцIэр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ.

Вагъуэбэ – созвездие Тельца

Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын I2-м щыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ

Слайд 6Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдыкI гупым зэреджэр

«Вагъуэзэшиблщ», абы щхьэкIэ иджыри «Вагъуэкъащыкъ» жаIэ. Абы и фIэщыгъэцIэ дахэр «Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ» адыгэ нэщэнэм ихъумащ.
Мазэхэ жэщым Гъуазэр, Ищхъэрэ вагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, МыщэцIыкIу вагъуэр (Вагъуэбыныр) зекIуэлIхэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытащ. Вагъуэзэшиблым Ищхъэрэ вагъуэм и хъуреягъыр зы жэщ зы махуэм къекIухь, абы къыхэкIыу жэщым зэманыр здынэсар ВагъуэзэшиблымкIэ къахутэу щытауэ ятхыж.

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица

Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдыкI гупым зэреджэр «Вагъуэзэшиблщ», абы щхьэкIэ иджыри «Вагъуэкъащыкъ» жаIэ.

Слайд 7Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм.

«ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «Галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный Путь» зыфIаща вагъуэ системэм щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм

Шыхулъагъуэ – Млечный путь.

Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», -

Слайд 8Нэхущвагъуэ – Венера
Нэхущвагъуэм ВагъуэлыдкIи йоджэ. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI

дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ я зэхуаку дэтщ, Дыгъэм къыщекIуэкIкIи жыжьэ IукIуэтыркъым, щIэплъыпIэ нэзым (горизонт) и лъабжьэ зэи къакIуэркъым. Пщэдджыжь нэхулъэр къыщищIым къуэкIыпIэмкIэ, дыгъэр щыкъухьэжкIэ къухьэпIэмкIэ къыщоблэ.
Нэхущвагъуэ – Венера Нэхущвагъуэм ВагъуэлыдкIи йоджэ. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ

Слайд 9Адыгэхэм дамэкъуэм ирагъэщхь вагъуэ гупщ.
Вагъуэдэмэкъуэ – созвездие Малый Пес

Адыгэхэм дамэкъуэм ирагъэщхь вагъуэ гупщ.Вагъуэдэмэкъуэ – созвездие Малый Пес

Слайд 10Ищхъэрэ вагъуэ – Полярная звезда
Уи гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ уувмэ, уи сэмэгурабгъур

зыхуэзэ лъэныкъуэращ ищхъэрэу къалъытэр. Мы вагъуэмкIэ ипщэ, ищхъэрэ, ижь, сэмэгу лъэныкъуэхэр къахутэу щытащ.
Ищхъэрэ вагъуэ – Полярная звезда Уи гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ уувмэ, уи сэмэгурабгъур зыхуэзэ лъэныкъуэращ ищхъэрэу къалъытэр. Мы вагъуэмкIэ

Слайд 11Вагъуэабрэдж – «Блуждающие звезды»
Зы щIыпIэм деж къыщылыдрэ адрейм деж щыкIуэдыж вагъуэм ВагъуэабрэджкIэ

еджэрт адыгэхэр.
Вагъуэабрэдж – «Блуждающие звезды»Зы щIыпIэм деж къыщылыдрэ адрейм деж щыкIуэдыж вагъуэм ВагъуэабрэджкIэ еджэрт адыгэхэр.

Слайд 12Мы вагъуэ зэрыбыныр къихьа нэужь, губгъуэ лэжьыгъэхэр яухын, пхъэгъэсын къэшэн щыхуей

зэманыр къэсауэ адыгэхэм къалъытэрт.

КIапсэ кIэщI вагъуэ – «Пояс Ориона»

Мы вагъуэ зэрыбыныр къихьа нэужь, губгъуэ лэжьыгъэхэр яухын, пхъэгъэсын къэшэн щыхуей зэманыр къэсауэ адыгэхэм къалъытэрт.КIапсэ кIэщI вагъуэ –

Слайд 13Вагъуэиж – метеор, метеорит.
Вагъуэиж – уафэрыху
Вагъуэпыху – метеорит
Вагъуэдж – астроном
Вагъуэбж –

звездочет
Гъуэбжэгъуэщ – комета
ВагъуэкIэху – комета
Вагъуэсурэттех – астро фото съемка.
Вагъуэзэбын – созвездие.

«Вагъуэ»-м къытекIа псалъэхэр:

Вагъуэиж – метеор, метеорит.Вагъуэиж – уафэрыхуВагъуэпыху – метеоритВагъуэдж – астрономВагъуэбж – звездочетГъуэбжэгъуэщ – кометаВагъуэкIэху – кометаВагъуэсурэттех –

Слайд 14Адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ, и щIэныгъэм, и къэхутэныгъэхэм ехьэлIауэ вагъуэм зи цIэ

фIащар:

«Близнецы» созвездием хэт вагъуэм (координаты: I04,6587 / I5,6I47) «Абидофарма»-кIэ йоджэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, академик Абыдэ Мусэ къихута хъущхъуэм папщIэ.

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIауэ, и щIэныгъэм, и къэхутэныгъэхэм ехьэлIауэ вагъуэм зи цIэ фIащар:«Близнецы» созвездием хэт вагъуэм (координаты: I04,6587

Слайд 15«Адыгэ псалъалъэм» (Москва, I999гъ.), «Адыгэ-урыс псалъалъэм» (Налшык, 2008гъ.), КIуэкIуэ Жэмалдин «Из

адыгской (черкесской) ономастики» (I983гъ.) зыфIища и тхылъым, Шортэн Аскэрбий и «Адыгэ мифологие»-м (I982гъ.), «Адыгэ псалъэ» («Ленин гъуэгу») газетым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэм, Псэун Жыраслъэн и «Адыгэ псалъэзэблэдзхэм» (2005гъ.), «СурэткIэ зэхэлъхьа къэбэрдей-шэрджэс-инджылыз-тырку псалъалъэм» (I998гъ.), МэфIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» (I994гъ.) тхылъым. Шэрджэс Алий 2009 гъэм къыдигъэкIа «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэхэм.

АдыгэцIэ зиIэ вагъуэхэм теухуауэ тхыгъэхэр итщ:

«Адыгэ псалъалъэм» (Москва, I999гъ.), «Адыгэ-урыс псалъалъэм» (Налшык, 2008гъ.), КIуэкIуэ Жэмалдин «Из адыгской (черкесской) ономастики» (I983гъ.) зыфIища и

Что такое shareslide.ru?

Это сайт презентаций, где можно хранить и обмениваться своими презентациями, докладами, проектами, шаблонами в формате PowerPoint с другими пользователями. Мы помогаем школьникам, студентам, учителям, преподавателям хранить и обмениваться учебными материалами.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика

Обратная связь

Email: Нажмите что бы посмотреть