Бобруйск лагерым Алий щIыгъуу исауэ. Абы къысхуеIуэтэж я эшолоныр Полтавэ нэсауэ, Iэщи ямыIэу, фащи кърамытауэ нэмыцэхэм яубыдауэ, Полтавэ къыщыщIэдзауэ Конотоп, Бобруйск нэсу якIуа гъуэгу хьэлъэхэм Алий сымаджэу, яхь-яшэу лагерым зэрынагъэсар.
- Алий кIуэдыкIейуэ икIуэдащ Бобруиск лагерым. Ар гуащIэмащIэ, сымаджэ щхьэкIэ къимыгъанэу мывэкъутэм ныщымыкIуэ щIагъуэ щыIэтэкъым. Ар хуейт сыт щыгъуи дызэрыIыгъыну, дигъэгушхуэну. Зэтэкъым зэрыжиIэр: «Зи лажьэ кIуэду зыIуэтэжынхэ, адыгэ напэр фымыгъэулъий, фымыдзыхэ, нэмысыр фхъумэ!»
Алий жиIэр даIыгъыу, абы сыткIи дэIэпыкъуу, езы Алии я нэIэ тету тщIыгъуащ фи къуажэ щIалитI – ДыщэкIхэ Къэрэлбийрэ ФуIэдрэ.
…. Зы пщэдджыжь гуэрым имыщIэххэу Алий и хьэдэр узбекхэр зыщIэса баракъым щIэлъу илъэгъуащ ДыщэкI ФуIэд. Алий и хьэдэр зэдгъэзэхуэжри ДыщэкI Къэрэлбий и цейм кIуэцIытлъхьэжьащ. ТаукIэщIым делъэIури хьэдэхэр зракIутэ мащэм иредмыгъалъхьэу абы и бгъум деж щыщIэтлъхьэжащ Алий и хьэдэр. Аращ Алий и кIуэдыкIам и пэжыпIэр.)