Слайд 1Темэр : Удз хущхъухэхэр (Лекарственные растения)
Слайд 2Подготовил:
ученик 7 класса
ГКОУ «ШИ № 1»
Сижажев Мансур.
Руководитель:
учитель кабардинского языка
и
литературы
Татарова Ф.Д.
Слайд 3Ди хъугъуэф1ыгъуэхэр
Къулеигъэшхуэщ нэр зыдынэмыплъысыф, гъуни нэзи зимыу къыпф1эщ1 ди тафэхэр, псыхъуэ
щхъуант1эхэр,
мэкъуп1э-хъуп1э бэвхэр, илъэс мин 1эджэ зи ныбжь мэзыжьхэр, гуэлхэр,
Къущхьэхъур, хы 1уфэхэр! Щ1эныгъэл1хэм къызэралъытэмк1э, Кавказым къыщок1 жыг, гъурц, удз л1эужьыгъуэ минихым щ1игъу.
Апхуэдэ лъахэ бей зи1э ди лъэпкъым, зэрыгуры1уэгъуэщи, къэк1ыгъз куэдым
ф1эщыгъэц1эхэр яримытынк1э 1эмал и1акъым. Абы къыхэк1ыуи ди бзэри къэк1ыгъэц1эхэмк1э
икъук1э бейщ.
Слайд 4Гъуэгунапщlэудз- Спорыш, горец птичий
Зы гъэк1э ф1эк1 къэмык1 удз л1эужьыгъуэщ, ару лъэпкъыгъуэм
щыщщ.
Гъуэгу гъунэхэм, гьуэгу бгынэжахэм, псэуп1эхэм я гъунэгъуу куэду къыщок1. Гъуэгунапщ1эудзым къэуатщ,витамин,каротин, аскорбиновэ кислота хэлъщ,уз куэдым и хущхъуэщ,1эщым, къазхэм,
джэдхэм ф1ы дыдэу яшх. Лъэпкъ языныкъуэхэм шхыныгьуэхэм халъхьэ.
Слайд 5Дадий, нагъуэ- Душица обыкновенная
Илъэс зыбжанэк1э къэк1 удз л1эужьыгъуэщ. Мэкъуп1эхэм, хъуп1эхэм, хуейхэм,
мэз лъапэхэм къыщок1.
Удзым мэ дахэ къыпех. Адыгэхэм удзыр, дыгъэ темыпсэу ягъэгъурти, шейуэ
ягьавэрт, ири1эзэрт: удзым
лъыр къегъэувы1э, псчэм, тхьэмбыл узым, нервым и сэбэпщ. Медицинэми хущхъуэу къыщагъэсэбэп.
Слайд 6Дахэкупсэ, гынплъыжь-Чернокорень лекарствченный
Илъэсит1к1э къэк1 удз л1эужьыгъуэщ. Адыгэхэм ар хущхъуэу къагъэсэбэпырт: 1упс
бзаджэ къытрегъэк1, узыр еъэувы1э,щ1ыфэ узхэм и сэбэпщ. Гынплъыжьым ущыхуозэ мэкъуп1зхэм, къуэхэм, псэуп1эхэм я гъунэгьуу, губгъуэхэм. Гъэгъахэм бжьэм фо къыпах.
Слайд 7Дыгъужьгъалlэ- волчья ягода,волчье лыко
Гъурцщ. Дыгъужьгъал1эр, тхьэмпэ къыпымык1э щ1ык1э,
мартым — апрелым къогъагъэ.
И тхьэмпэхэр хуэк1ыхь щ1ык1эщ
е хъурейщ. Пхъэщхьэмыщхьэ къыпык1эхэр, хъуа нэужь, плъыжьыбзэщ е гъуэплъыфэщ, хъурейщ. Къэк1ыгъзм и пкъым, и тхьэмпэхэм, гъэгъам, и купщ1эм
щхъуэ гуащ1э хэлъщи, псэущхьэхэм я1ухуэ хъунукъым. Мэзхэм къыщок1. Медицинэм къыщагъэсэбэп, щ1ыфэ узхэм иро1эзэ.
Слайд 8Джэдлъэбжьанэ,тхьэк1умэк1ыхьудз- Свинорой пальчатый
Илъэс зыбжанэк1э къэк1, лъабжьэжь зи1э удз л1эужьыгъуэщ.
Къэк1ыгъэм цы теткъым,
протеину процент 13—24-м нэс хэлъщ.1эщым ф1ы дыдэу яшх. Мэкъуп1хэм, хъуп1хэм, псэуп1эхэм
я гъунэгъуу къыщок1 Мэкъу хьэлэмэт мэхъу, гъашэ къыдэдзыгъуэм
пыбупщ1мэ.У1эгъэхэм сэбэп хуохъу.
Слайд 9Джэдуукlэ- Тысячелистник обыкновенный
Илъэс зыбжанэк1э къэк1 удз л1эужьыгъуэщ, и лъагагъыр см 50-м
нос.
И тхьэмпэхэр к1ыхьщ, зэгуэбза куэд я1эщ, и пкъыр занщ1эу
док1ей. Гъэгъа хужьхэр е маш1эу пшэплъыфэхэр, 1эрамэ хъурейуэ,
удзыпкъ щхьэк1эхэм къапедзэ. Джабэхэм, мэкъуп1эхэм, мэз лъапэхэм, хъуп1эхэм, псэуп1эхэм я гъунэгъуу къыщык1ыу куэдрэ урохьэл1э.
Адыгэхэр джэдуук1эм куэд щ1ауэ иро1эзэ, ныбэ, лъатэ узхэм хущхъуэ хуохъу Медицинэми къыщагъэсэбэп. 1эщым яшхыркъым
Слайд 10Джэршнэпцl, мадзу и джэш- Вьюнок полевой
1,5—2,5-м нэс ипкъ псыгъуэхэр и гъунэгъуу
къэк1 удзхэм,
хадэхэк1хэм зрашэк!ыурэ дожей. И тхьэмпэхэр папцЬщ. Гъэгъа
хужьхэр, бжьамийм ещхьхэр, майм къыщегъэжьауэ сентябрым
нэсыху къыпедзэ, и жылэхэр бжьыхьэм мэхъури, полъэлъыж.
Гъавэхэк1хэр, хадэхэк1хэр къыщагъэк1 губгъуэхэм, унэ хадэхэмзэран щохъу. Гъуэгу гъунэхэм, бжыхь лъабжьэхэм, мэкъуп1эхэм,пабжьэхэм ущрохьэл1э. Тхьэмбыл, тхьэк1умэ, нэгъуэщ1 уз куэдми иро1эзэ.
1эщым ф1ыуэ яшх
Слайд 11Хьэбыкъуэ, кхъуейудз- Мальва
Л1эужьыгъуэ зыбжанэу гуэша удз лъэпкъыгъуэщ. Я гъэгъахэрАбыхэм яхэтщ
зы гъэк1э
ф1эк1а къэмык1хэри гъит!к1э къэк1хэри.
къащхъуафэщ, пшэплъыфэщ, шакъафэщ. Гъэгъахэр удзыпкъымрэ
тхьэмпэмрэ я зэхуакум къыщыдедз. 1эщым ф1ыуэ яшх яхэтщ.
Кавказым л1эужьыгъуибгъум ущрохьэл1э. Псэуп1эхэм я гъунэгъуу,
гъуэгубгъухэм, унэ хадэхэм, пабжьэхэм, бжыхь лъабжьэхэм къыщок1. Абыхэм языныкъуэхэр хущхъуэу ц1ыхум къагъэсэбэп::псчэ, к1уэц1 узхэм иро1эзэ.
Слайд 12Ашэмыхъэ- Пастушья сумка
Зы гъэк1э ф1эк1 къэмык1 удзщ. См 20—40-к1э дэк1ей ипкъ
псыгъуэм
и щхьэк1эм гъэгъа хужь-фагъуэ ц1ык1ухэр гъатхэм,
гъэмахуэм къыпидзэ зэпытщ. И лъабжьэмк1э къыщыдэж тхьэмпэхэм лэдэх я1эщ, ищхьэмк1э тетхэм нэхърэ нэхъ инщ. Ашэмыхъэм лъабжьэ
ин ищ1ыркъым. Ар хадэхэм, губгъуэхэм, жыг щ1агъхэм куэду
Къыщок1. Джэдкъазым, 1эщым яшх. Удзым и къэгъэгъэгъуэм
хущхъуэу къагъэсэбэп: лъыр къегъэувы1э, тхьэмбыл, тхьэмщ1ыгъу узхэм и сэбэпщ.
Слайд 13Ажэгъуэмэ- Подснежник
Л1эужьыгъуэ зыбжанэу гуэша къэк1ыгъэ лъэпкъыгъуэщ. Ди
щ1ып1эм къыщык1 ажэгъуэмэ л1эужьыгъуэхэр январым,
февралым къогъагъэ. Нэхъыбэу абыхэм уащыхуозэ хъуп1эу е мэкъуп1эу
къагъэсэбэп дыгъаф1э джабэхэм. Я лъабжьэр бжьыныщхьэм ещхьщ,
л1эужьыгъуэ языныкъуэхэр адыгэхэм яшх.Нерв, 1пкълъэпкъ,щ1ы1э узхэм я сэбэпщ.
Слайд 14Къэрабэ- Одуванчик
Хъуп1эхэм, джабэхэм, гъуэгу гъунэхэм, мэкъуп1эхэм, псэуп1эхэм я гъунэгъуу, хадэхэм, жыг
щ1агъхэм къыщок1. Къэк1ыгъэм и лъабжьэм, и купсэм, шэм ещхьу, псы1агъ щ1этщ.
Къэк1ыгъэм инулин хэлъщ, псом хуэмыдэу и лъабжьэм. Медицинэми хущхъуэу къыщагъэсэбэп. Къэрабэр адыгэхэм ф1ыуэ ящ1э къэк1ыгъэ л1эужьыгъуэщ, уз куэдым ире1эзэу къагъэсэбэп.
Слайд 15Губгъуэжьауэ- Спаржа аптечная
Илъэс зыбжанэк1э къэк1 удз лЬужьыгъуэщ, и лъагагъыр
м 1 —1,5
мэхъу. И пкъыр занш1эу док1ей, езыр жыгым ещхьу баринэ дахэщ, тхьэмпэ теткъым, ауэ къудамэ инхэри ц1ык1ухэри щхъуант1эщи, абыхэм ягъэзащ1э тхьэмпэхэм я къалэнхэр. Гъэмахуэм къудамэ
зэхуакухэм гъэгъа ц1ык1ухэр къыщыпедзэ. Мэкъуп1эхэм, хъуп1эхэм, мэз лъапэхэм,
джабэхэм къыщок1 И пкъыр, щыц1ынэм деж, букъэбзу пшхы мэхъу. Хущхъуэгъуэ хэлъщ.
Слайд 16Нащэгъэфlэlу удз- Укроп
Куэд щ1ауэ ц1ыхухэм къагъэк1 хадэхэк1щ. Мэ дахэ къыкЬрех.
И пкъыр
занщ1эу док1ей, см 50—80-м нэс и лъагагъыу. И гъэгъахэр
щхъуант1э-гъуэжьыфэщ, удз щхьэк1эм, 1эрамэ хъурейуэ зэхэту,
июлым къыпедзэ. И тхьэмпэхэм зэгуэбза куэд я1эщ.
Зы гъэк1э ф1эк1 къэк1ыркъым. Я жылэхэр бжьыхьэпэм мэхъу,
хъурей-п1ащ1э ц1ык1ущ, гъуабжафэщ. Къэк1ыгъэм хэлъщ витамин зэмыл1эужьыгъуэхэр. Ныбэ, лъатэ узхэм и сэбэпщ , напэ егъэкъабзэ,хужь ещ1Адыгэхэм шхыныгъуэхэр ирагъэ1эф1, нащэ,бэдрэжан щашук1э халъхьэ.
Слайд 17Джэдгын- Чабрец,чабер обыкновенный
Зы гъэк1э ф1эк1
къэк1ыркъым. И пкъым, щ1ы щхьэфэм и гъунэгъуу,
къудамэ куэду
зегуэш. Лъабжьэ быдэ ищ1ыркъым. И тхьэмпэхэр хуэк1ыхь щ1ык1эщ,
см 2—3 я к1ыхьагъщ, см 0,5 я бгъуагъщ. Гъэгъа шакъафэ-плъыфэхэр тхьэмпэхэмрэ къудамэхэмрэ я зэхуакум, т1у-щыуэ зэгъусэу, удз щхьэк1эхэм къапедзэ. Удзым мэ дахэ къыхех. Адыгэхэм, абазэхэм джэдгыныр ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэк1, хадэц1ык1у къэк1ыгъэщ.
И гъэгъэгъуэ зэманым паупщ1ри, дыгъэ темыпсэу, ягъэгъу.Уз куэдым и сэбэпщ.
Слайд 18Шыпсыранэ- Крапива
Илъэс зыбжанэк!э къэк1 къэк1ыгъэщ, и лъагагъыр см 6 0 -
150
мэхъу. Лъабжьэжь быдэ и!эщ, ипкъхэр занщ1эу док1ей, къудамэ ищ1ыркъым. Дзэ зи!э и тхьэмпэхэр трамэ сурэтщ, инщ, к1ы к1ыхь япытщ. Гъэгъа щхъуант1эхэр и щхьэк1эм июным — июлым къыпедзэ,
жылэхэр августам мэхъуШыпсыранэм ипкъхэм, и тхьэмпэхэм ды пхъашэ
тетым, и к1уэц1ым псы итым щ1ыфэр ес. Къэк1ыгъэм каротин, витамин, протеин куэду хэлъщ. Адыгэхэм
хущхъуэу къагъэсэбэп: к1уэц1,щ1ы1э узхэм иро1эзэ, ягъавэри гуэгушхэм ирагъэшх.
Слайд 19Кърухугу- Незабудка
Л1эужьыгъуэ заулу гуэша удз лъэпкъыгъуэщ. Абыхэм яхэтщ
илъэс зыбжанэк!э къэк1хэри, зы
илъэскЬ ф!эк! къэмык1хэри.
Кърухугухэм я пкъыми
тхьэмпэхэми цы ятетщ. Къудамэ щхьэк!эхэм къапедзэ гъэгъа
къащхъуэ дахэ ц!ык!у куэд. Ди хэгъуэгухэм къыщык! л1эужьыгъуэ-
хэр июным — июлым къогьагъэ. Губгъуэхэм, мэкъуп!эхэм, хъуп1э-
хэм, мэз лъапэхэм, Щ1ы1э, щ1ыфэ узхэм и сэбэпщ
Слайд 20Выгуудз,къазудз, хужьбаринэ- Клевер ползучий
Илъэс зыбжанэк1э къэк1 удз л1эужьыгъуэщ, тхьэмпищэхэм
ящыщщ. И
лъагагъыр см 10—20 мэхъу, и пкъыр щ!ырыпщщ, тхьэмпэ
къыдэдзып1эхэм деж лъабжьэ ещ1ри, щ1ы щхьэфэм зык1эрещ1э.
И тхьэмпэхэр тхьэпэц1ык1уищурэ зэхэтщ, к1ы к1ыхь я1эщ, цы ятеткъым. Лъабжьэжь гъум ищ1ыр куууэ йок!ых. Гъэгъа хужь
ц1ык1ухэр см 1 —1,5 зи инагъ щхьэ хъурейуэ зэхэтщ, къэуат ин зыхэлъ удзхэм ящыщщ, витаминхэр, каротин куэду хэлъщ.Уз куэдым сэбэп хуохъу.
Слайд 21
Спасибо за внимание!
Фыпсэу!
Узыншэу!