Презентация, доклад на тему Презнтация на темуЖизнь и творчество Шогенова Леонида Сулеймановича

Зи сабий усэхэмк1и уэрэдхэмк1и ц1ык1ухэр къыдэзыхьэх сабий тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ,Урысейм и Тхак1уэхэми Журналистхэми я союзхэм хэт Щоджэн Леонид Сулеймэн и къуэр 1935 гъэм январым и 28-м Бахъсэн

Слайд 1Сабий псэ къабзэм и усак1уэ.
Щ1эблэм и

гъуазэ ди нэхъыжъыф1.
Абазэ А.

Щоджэн Леонид

Сабий псэ къабзэм и усак1уэ.     Щ1эблэм и гъуазэ ди нэхъыжъыф1.

Слайд 2Зи сабий усэхэмк1и уэрэдхэмк1и
ц1ык1ухэр къыдэзыхьэх
сабий тхакIуэ,

Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ,Урысейм и Тхак1уэхэми Журналистхэми я союзхэм хэт Щоджэн Леонид Сулеймэн и къуэр 1935 гъэм январым и 28-м Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм мэкъумэшыщ1э унагъуэм къыщалъхуащ.
Зи сабий усэхэмк1и уэрэдхэмк1и   ц1ык1ухэр къыдэзыхьэх сабий тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ

Слайд 3 Курыт еджап1эр къиуха нэужь, Леонид дзэм къулыкъу щещ1э. Иужьк1э

Донбасс шахтэм щолажьэ. Къызэрыгуэк1 лэжьак1уэу ш1едзэри, бригадэм, ит1анэ участкэ иным и унафэщ1у ягъэув.
И ц1эр ф1ык1э къа1эт, ц1эры1уэ мэхъу. Ауэ щ1алэ жыджэр, гуащ1аф1эм и псэр нэхугъэ гуэрым хуэпабгъэрт. Ар гъащ1эр 1эф1ыгъэк1э зыгъэнщ1, зыгъэхъуапсэ щ1эныгъэрати, зыщалъхуа щ1ыналъэм къок1уэжри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щ1от1ысхьэ.
Курыт еджап1эр къиуха нэужь, Леонид дзэм къулыкъу щещ1э. Иужьк1э Донбасс шахтэм щолажьэ. Къызэрыгуэк1 лэжьак1уэу ш1едзэри,

Слайд 4 Егъэджак1уэ-щ1эныгъэл1.

Щоджэныр зэрылажьэм хуэдэурэ йоджэ.

Иужьк1э егъэджак1уэ 1эщ1агъэм пэроувэ.
Адыгэбзэр школым зэрыщрагъэджым теухуа тхыгъэхэр газетхэм къытрырегъадзэ, радиок1э кърегъэт, зыхыхьэ-зэ1ущ1эхэм къыщопсалъэ. пэщ1эдзэ классхэр школым адыгэбзэк1э зэрыщеджэну тхылъхэри хъарзынэу зэредзэк1.
Щоджэн Леонид Урысейм и Тхак1уэхэми Журналистхэми я союзхэм хэтщ.
Егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэм псэ хьэлэлу зэрыбгъэдэтыр къалъытэри, абы къыхуагъэфащэ «За доблестный труд» медалыр.
Егъэджак1уэ-щ1эныгъэл1.     Щоджэныр зэрылажьэм хуэдэурэ йоджэ. Иужьк1э егъэджак1уэ 1эщ1агъэм пэроувэ.

Слайд 5 Къыщ1эдзап1э.

Щоджэн Леонид же1э: Сэ пэщIэдзэ классым сыщеджэм щыгъуэ усэ тхын сытхэм сыдихьэхыу щытащ. Абы щыгъуэ адыгэбзэм фIы дыдэу драгъаджэу щытащ, пэщIэдзэ классхэр псори адыгэбзэкIэ еджэу щытащ.
Газетхэр адыгэбзэкIэ къыдэкIыу, IуэхущIапIэхэр адыгэбзэкIэ лажьэу - апхуэдэу щытащ.  Дыдихьэхауэ фIыуэ дагъэлъагъущ адыгэбзэри, абы сыдихьэхри сытхэу щIэздзащ.
Къыщ1эдзап1э.   Щоджэн Леонид же1э: Сэ пэщIэдзэ классым

Слайд 6 Сабий мин 1эджэм я дадэ.
Ц1ык1ухэр ф1ыуэ

зылъагъу, абыхэм я псэм щыщ1эр,ягъэвыр ф1ыуэ зэхэзыщ1ык1 щ1алэр тхэным дехьэх. Сабийхэм яхуэтхэу щ1едзэ. Усэхэр, къуажэхьхэр, хъуэрыбзэхэр, псысэхэр зэхелъхьэ.
Сабийхэм папщ1э усэ дахэ куэдхэр яусыгъащ.Ауэ псоми йоф1эк1 лъэпкъ литературэм и сабий усыгъэр гуащ1э зыхуэхъуа Щоджэн Леонид и усэхэр.

Сабий мин 1эджэм я дадэ.    Ц1ык1ухэр ф1ыуэ зылъагъу, абыхэм я псэм щыщ1эр,ягъэвыр ф1ыуэ

Слайд 7 Щоджэным и сабий усэхэр
ц1ык1ухэр щагъасэ щ1ып1эхэми,

пэщ1эдзэ еджап1эхэми, еджап1э нэхъыщхьэхэми щадж. Леонид и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ дунейм къытехьащ. Апхуэдэхэщ «Лъэмыж»(1987), «Къру шырхэр»(1993), «Псей щхъуант1э»(1996), «Моцэрэ Бацэрэ»(2001), «Уэрэдхэр» (2003), «Мэдэ ц1ык1у» (2006), нэгъуэщ1хэри. Абыхэм къадэк1уэуи, Леонид и тхыгъэхэр ихуащ школхэм зэрыщрагъаджэ хрестоматиехэм. Тыркуми адыгэбзэк1э къыщыдэк1ащ абы и сабий уэрэду 127-рэ зэрыт тхылъ.


Щоджэным и сабий усэхэр   ц1ык1ухэр щагъасэ щ1ып1эхэми, пэщ1эдзэ еджап1эхэми, еджап1э нэхъыщхьэхэми щадж. Леонид

Слайд 8 Уэрэдус .
Леонид

композиторхэу Даур Аслъэн, Къэбэрдокъуэ Борис , Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн, Къул Амир сымэ я гъусэу уэрэд куэд итхащ. Псом хуэмыдэу ц1ыры1уэ хъуащ «Къру шырхэр», «К1эпхъ», «Бэдж», «Псынэ», «Гъудэ»,»Ди бзэр», «Нэпсей ц1ык1у» , «Мыщэ мышынэ», «Щак1уэ 1ущ», «Вакъэжь», «Хэт сыт жи1ар» жыхуи1эхэр. Псори зэхэту Леонид итхащ сабий уэрэду 200-м щ1игъу. Ахэр радиок1э , телевиденэк1э щ1эх-щ1эхыурэ къат.



Уэрэдус .    Леонид композиторхэу Даур Аслъэн, Къэбэрдокъуэ Борис ,

Слайд 9 Щ1эблэм и гъуазэ ди

нэхъыжъыф1.
Сабийхэм папщ1э усэ дахэ куэдхэр яусыгъащ.Ауэ псоми йоф1эк1 лъэпкъ литературэм сабий усыгъэр гуащ1э зыхуэхъуа Щоджэн Леонид и усэхэр.
Дэтхэнэ зы лъэпкъым и дежкIи щIэблэр узыншэу къэгъэхъун щхьэкIэ сабийхэм я гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.Абы хуигъэпсащ и гъащ1э псор сабий псэ къабзэм и усак1уэ, сабий мин 1эджэм я дадэ, щ1эблэм и гъуазэ ди нэхъыжъыф1 Щоджэн Леонид.
Ди нэхъыжъыф1ым дыхуохъуахъуэ узыншэу, гъащ1эм дэрэжэгъуэ къриту илъэс куэдк1э ди япэ итыну.

Щ1эблэм и гъуазэ ди           нэхъыжъыф1.

Слайд 10Сабий псэ къабзэм и усак1уэ.
Щ1эблэм и

гъуазэ ди нэхъыжъыф1.
Абазэ А.

Щоджэн Леонид

Сабий псэ къабзэм и усак1уэ.     Щ1эблэм и гъуазэ ди нэхъыжъыф1.

Что такое shareslide.ru?

Это сайт презентаций, где можно хранить и обмениваться своими презентациями, докладами, проектами, шаблонами в формате PowerPoint с другими пользователями. Мы помогаем школьникам, студентам, учителям, преподавателям хранить и обмениваться учебными материалами.


Для правообладателей

Яндекс.Метрика

Обратная связь

Email: Нажмите что бы посмотреть