Слайд 1Щоджэнц1ык1у 1эдэм и литературнэ вечер
Слайд 3Щоджэнц1ык1у 1эдэм Угъурлы и къуэр 1916 гъэм Бахъсэн районым хыхьэ Старэ
Крепость ( Кушмэзыкъуей) къуажэм щыщ мэкъумэшыщ1э къулейсыз унагъуэм къыщалъхуащ. 1эдэм къуажэ школым щеджащ Щоджэнц1ык1у Алий и деж. Нэхъ иужьк1э абы къиухащ Ленинскэ учебнэ городокыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр.
Слайд 5Хэку зауэшхуэр щыщ1идзам 1эдэм Къызбрун III къуажэм дэт школым и директору
лажьэт. Ар езым и ф1эф1ыныгъэк1э фронтым к1уащ. Щоджэнц1ык1ум зауэр Венгрием щиухащ 1945 гъэм и гъатхэм.
Слайд 7Илъэсищым щ1игъу зауэ зэманым 1эдэм усэкуэд, поэмэу т1у, тетрад 1увит1 ярыз
дневникхэр итхауэ щытащ, ауэ а архив къулейр Будапешт къалэм маф1эм щыхисхьащ, дунейм къытемыхьэу.
Слайд 9Зауэ нэужьым 1эдэм Угъурлы и къуэр Къэбэрдей-Баъкъэр щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым щылэжьащ, пединститутым
адыгэбзэмк1э и кафедрэм и егъэджак1уэу лэжьащ.
Слайд 111953 гъэм 1эдэм республикэм и Тхак1уэхэм я союзым и правленэм и
председателу хахащ.
сурэт
Слайд 131954-1956 гъэхэм 1эдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Культурэмк1э и министру лэжьащ, мамырыгъэр хъумэнымк1э комитетым
и 1этащхьэу щытащ.
«1уащхьэмахуэ» журналым и унафэщ1у щытащ.
Слайд 15Щоджэнц1ык1у 1эдэм зауэм щызэрихьа л1ыгъэм, лэжьыгъэм папщ1э къыхуагъэфещащ Краснэ Знамя ордену
т1у, Краснэ Звезда орденыр, Хэку зауэшхуэм и орден I,II степенхэр, Народхэм я Зэныбжьэгъугъэ, Щ1ыхь Дамыгъэ орденхэр, медалу 14.
Слайд 17Щоджэнц1ык1у 1эдэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищ1ащ къэбэрдей поэзиемрэ прозэмрэ зэф1эгъэувэным ик1и зегъэужьыным. Абы
и 1эдакъэщ1эк1 тхыгъэхэр лъэпкъ культурэм и дыщэ фондым хыхьащ.
Слайд 19
«Усэр къэзылъхур нэхугъэрэ гуапагъэрэщ», - жа1э хабзэщ
Щоджэнц1ык1у 1эдэм пасэу тхэн щ1идзащ.
Абы и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ тхылъ пл1ыщ1ым нэс, прозэу тхами усыгъэми.
Слайд 211эдэм тхэн зэрыщ1идзэрэ дахьэх дунейм и лъэхъэзэхуэмыдэхэм пыщ1а фащэхэмрэ теплъэхэмрэ:
Уо1уоплъэ розэм,
1ущхьэ пкъыщ1эм,
Узэплъым пщ1эркъым я нэхъ дахэр.
Шылэрэ данэу фащэ ящ1ым
Хэлэжьыхь хуэдэщ езы гъатхэр.
Слайд 22Тхьэмадэр ди еджак1уэ ц1ык1ухэм гулъытэншэу яхущытыкъым. Абы сабийхэм папщ1э итхащ усэ
куэд. Абыхэм ящыщщ: «Къэсащ аргуэру», « Си анэ», «Хэкум и бын» усэхэр.
Слайд 23Си анэ
Сыт щы1эну анэм
Хуэдэу бынк1э гуапэ?
Аращ и псэм, и нэм
Дыхуэзыхьыр
япэ.
«А си щ1алэ!! – жи1эу
Си щхьэм 1э делъэ,
Бын хэплъыхь имы1эу
Ноби къыдопсалъэ.
Уэри жьагъ умыщ1э,
А си анэ дыщэ,
Гъэ къэсыху уи гъащ1эм
Гъащ1э къыпрещэ!
Слайд 241эдэм и усыгъэр зыужьык1э дахэм и гъуэгум тетщ. Абы езым и
налкъут мыунк1ыф1ыж хилъхьащ нобэрей ди литературэм, гупсысэ инхэр псалъэ лыдхэмк1э къи1уэтэфащ, адыгэ усэр лирикэм и лъынтхуэ уэрхэмк1э игъэбэтащ.
Слайд 26
Щоджэнц1ык1у 1эдэм усак1уэ къудейкъым, ар ик1и прозаик 1эзэщ – абы итхахэм
ящыщщ хуабжьу ц1эры1уэ хъуа повесть купщ1аф1эхэу «Нэхущ тхьэху, «Софят и гъатхэ», «Бгыщхьэ маф1э», « Уэлбанэ дыгъэ»,« Уи ц1эр ф1эсщыжынщ»,« Анэм и гур» сонетыр, рассказхэр «Мылъхуадэ», «Къасбот и гурыф1ыгъуэ»жыхуи1эхэр
Слайд 27Щоджэнц1ык1ум и усэ купщ1аф1эхэр «Софят и гъатхэ» повесть гъуэзэджэхэр ди литературэр
зыгъэбжьыф1э, абы лъэбакъуэщ1э езыгъэча тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщщ. Тхыгъэр щ1эдзап1э хуэхъуащ адыгэ лирическэ прозэм и зыужьыныгъэм, абы и гъатхэщ.
Слайд 28
Щоджэнц1ык1у 1эдэм зэдзэджак1уэ 1эзэт. Абы адыгэбзэк1э зэридзэк1ащ урыс классическэ, хамэ къэрал
ик1и ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зэмыл1эужьыгъуэхэм я литературэм щыщ тхыгъэ зыбжанэ. Псалъэм папщ1э, апхуэдэщ, Шекспир, Пушкин, Маяковский, Островский сымэ я тхыгъэхэм щыщхэр.
Слайд 29Щоджэнц1ык1у 1эдэм и щхьэк1и и лэжьыгъэк1и ди къэралым и щ1ып1э куэдым
къыщац1ыхут. Абы и усэхэр и повестхэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зэрадзэк1ащ. Псом хуэмыдэу 1эдэм и тхыгъэ куэд урысыбзэк1э зэрадзэк1ащ. Псалъэм папщ1э: « Софят и гъатхэ» повестыр, «Поющее зерно», «Назову твоим именем»- поэмэхэр, «Свет жизни», «Верхушки и плод», «Зрелость года», «Ласточка вьет гнездо» - усэхэр, нэгъуэщ1хэри.
Слайд 301эдэм тхэным къыщынэмыщ1а, сурэт ищ1у щытащ. Абы и 1эдакъэм къыщ1эк1ащ:
Сурэт.
Слайд 31Тхак1уэшхуэхэм Щоджэнц1ык1у 1эдэм теухуауэ жа1ахэр:
Стельмах Михайло «Щоджэнц1ык1у 1эдэм и усэхэм сыт
щыгъуи щынэрылъагъущ ар нобэрей зэманым дек1у, къызыхэк1а лъэпкъыр имыгъэгъуащэу зерыщытыр. Абы и усэхэр гъэхуащ, пыухык1ащ. Абыхэм гуращ1э лъагэ, гупсысэ куу япкърылъщ.
Слайд 32Фадеев Александр:
Ныбжьэгъу 1эдэм!
«Софят и гъатхэ» уи повесть хьэлэмэтым хуабжьу сигу хыхьауэ
седжащ. Ар усыгъэ пшыналъэрэ гурыщ1э нэхук1э гъэнщ1ащ. Абык1э уэ бгъэпсащ ц1ыхум и гуащ1эм, и уардагъэм теухуа уэрэд телъыджэ.
Слайд 331эдэм, пхэлъа ц1ыхугъэшхуэр
Уи 1эужь дахэм къахэбнащ
Уи тхыгъэф1хэр ди уэздыгъэу
Ди пащхьэм куэдрэ
къыщыблэнщ.
Хэку зауэщхуэм щызепхьа л1ыгъэр
Мыук1ыф1ыж маф1эу къытхуэблэнщ,
Куэду къэпхьа ди Хэку дамыгъэр
Ди школ музейхэм щытхъумэнщ.